КъыупщэфӀыцӀэ (лат-бз. Cygnus melancoryphus) — къаз теплъэхэм хэхьа, къыу лъэпкъыгъуэм хиубыдэ лӀэужьыгъуэщ.
Хьэдэкъазым ещхь лӀэужьыгъуэщ, ауэ нэхъ цӀыкӀущ, и пщэ гъэшыкӀари псым зэрытес щӀыкӀэри абы ещхьщ, и пэ дакъэм тес тыкъырыр плъыжьщ. Хъухэр гу лъыптэу нэхъ пӀащэщ анэхэм нэхърэ. Адрей къыухэм къазэрэхэкӀыр теплъэкӀэ я щхьэмрэ пщэмрэ фӀыцӀэу зэрыщытыр.
Щопсэу Ипшъэ Америкэм и ипщэ лъэныкъуэм. ЩӀымахуэр щрах ищхъэрэ лъэныкъуэм лъэтэжхэу — Парагуайм и ищхъэрэм, Бразилым и ипщэ-къуэкӀыпӀэм.
Нэхъыщхьэу я Ӏусым хэхьэр псыудзхэра, я щхьэр псым щӀагъаурэ къыщӀахыр.
КъыупщэфӀыцӀэ (лат-бз. Cygnus melancoryphus) — къаз теплъэхэм хэхьа, къыу лъэпкъыгъуэм хиубыдэ лӀэужьыгъуэщ.