dcsimg

ПсыпцӀэджэд ( Kabardian Circassian )

provided by wikipedia emerging languages
 src=
Rallus aquaticus

ПсыпцӀэджэд (лат-бз. Rallus aquaticus) — мэкъупӀэджэд лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.

Теплъэр

ТеплъэкӀи инагъкӀи мэкъупӀэджэдым хуэдизщ. ТхыцӀэр фӀыцӀэ-лыдщ, цы гъунэхэр гъуэжь-гъуабжафэу къекӀуэкӀыу. Ныбэ щӀагъыр щхъуэ-жырыфэщ.

Здэпсэухэр

Щопсэу Еуропэм къыщыщӀэдзауэ КъуэкӀыпӀэ Жыжьэм нэгъунэ, Ищхъэрэ Африкэм, Азиэм ипщэ лъэныкъуэм. Къаукъазым щымащӀэкъым. Орнитолог Росиковым 1884 гъ. зэригъувамкӀэ[1]Балъкъ псыхъуэм мылъэтэжу щопсэу. Уеблэмэ, мыбдежым бжыхьэм псыпцӀэджэдхэр нэхъыбэ щохъу, ищхъэрэ щӀыпӀэхэм къилъэтыкӀыурэ.

Уащыхуозэ тафэхэм, бгы лъапэхэм. Щогъуалъхьэ къамыл, ӀутӀанэ, бгъэн, нэгъуэщӀ псыудз кӀырхэм. Йосыф, псым телъ удзыпкъэхэм, тхьэпэхэм ирокӀуэф. ЩӀымахуэм щыплъагъунущ псы мыщтхэм ягъунэгъуу.

Ӏусыр

Ӏусым хохьэ псыудз, хьэмбылу, псыдыуэ, нэщӀэпкӀэ, псыцӀыв, н.къ.

Гу лъытэ

  1. Маламусов Х.Т. К биологии куриных птиц Кабардино-Балкарии. Уч. зап. Кабардино-Балкарского ун-та. вып. 12. 1961.

Тхылъхэр

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.
license
cc-by-sa-3.0
copyright
Wikipedia authors and editors

ПсыпцӀэджэд: Brief Summary ( Kabardian Circassian )

provided by wikipedia emerging languages
 src= Rallus aquaticus

ПсыпцӀэджэд (лат-бз. Rallus aquaticus) — мэкъупӀэджэд лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.

license
cc-by-sa-3.0
copyright
Wikipedia authors and editors