Бжэндэхъугъуэжь (лат-бз. Oriolus oriolus) — бжэндэхъугъуэжь лъэпкъым щыщщ.
Хъухэм я теплъэр дыщэ-гъуэжьыфэщ, кусэ фӀыцӀэ хэлъу. Дамэр фӀыцӀэщ, гъуэжь ӀэпапӀэ хэлъщ, кӀэ къабзий фӀыцӀэхэр еух гъуэжьыфэу. Анэр гъуэжь-удзыфэщ, я бгъэгу щӀагъыр щхъуэ-хужьыфэщ, кӀэ щӀагъыр гъуэжьщ.
Къэрал бжыгъэу зызубгъуа лӀэужьыгъуэщ. Ди хэгъуэгухэм щыпсэухэм щӀымахуэр Африкэм щрах. Бжэндэхъугъуэжьхэм абгъуэр нэхъыбэу здащӀыр пхъэхуей, жыгей мэз гъущэхэращ, псыежэххэм ягъунэгъуу. Хадэхэм я гунэгъу щыху жыг гуэрэнхэми щогъуалъхьэ. Згуэрэм игъэгузэвамэ, игъэщтамэ джэду губжьа гоу макъ къегъэӀу.
Бжэндэхъугъуэжьхэр икъукӀэ къэщхьэпэгъуэ къахьыр бэуэ яшх мэзым зэран ин езых, нэгъуэщӀ къуалэбзу лӀэужьыгъуэхэм Ӏумпэм ящӀ щыгъыныхьхэр, къинэмыщӀауэ — цӀывхэр, бадзэ пӀащэхэр, бэджхэр.